Поиск

суббота, 25 октября 2014 г.

Жанна Блягоз


Адыгэбзэу си бзэ дахэ,
Си псэм хуэдэу узолъагъу,
Уэр нэхъ дахэ, си бзэ дыщэ,
Дунеишхуэм тезмылъагъу.
Дэнэ щlыпlэ сыщымыlами,
Си бзэ дахэр сэ сlурылъщ,
Сыт хуэдэбзэ сымыщ!ами,
Адыгэбзэр си гум илъщ.
Жыжьэ щlыпlэ фэ фыщыlэу
Бзэ куэдыщэ здызэхэфхым
Къэбзэрабзэу зы къахэщмэ,
Дыгъэ нуру гур къигъэплъмэ -
Ар сэ си бзэу Адыгэбзэщ!
Адыгэбзэр бзэ дахащэщ,
Адыгэбзэр бзэ къабзащэщ,
Си бзэм ещхьыр - дунеишхуэр
Зыгъэбжьыфlэ удз гъагъахэрщ...
Адыгэбзэр зыщlэ псори
Сэ си шыпхъухэщ, сэ си дэлъхухэщ,
Дэнэ щlыпlэ щымыпсэуми
Сэ си унэ щ!эсым хуэдэщ.
Си фlэщ хъуркъым зы адыгэ
Бзэншэу гъащlэм тетыфын,
Адыгэбзэр ибгынэжу
Бзэ нэгъуэщlи къищтэфын.
Дэ адыгэр куэди дохъур,
Ди бзэр дэ дывгъэцlыхуж,
Ди гур къабзэу, нэмыс тхэлъу
Ди Хэкужь дыщывгъэпсэуж!

Комментариев нет:

Отправить комментарий